Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим_ - Сигу къохьэжыр ди зы жэщ | Текст песни

Сигу къохьэжыр ди зы жэщ ―
Уэ насыпыр бдэзугуэшт.
Мы ди нэгу щlэкlахэм сахуозэш.
Гъащlэр щыхъукlэ псысэ куэд,
Щхъуакlэплъыкlэу плъыфэ куэд
Си гупсысэ щэхухэр еузэд.

Ежьу:
Си щlэлэгъуэ удзгъэгъа,
Сытым щхьэкlэ ухуэла?
Лъагъуныгъэ дахэу сфlэкlуэда…
Илъэсыщlэ уэсыр къос,
Си гухэлъхэр хуэму йос,
Адэ жыжьэу жэщым ар къыхощ.

Уигу къихьэжмэ ди зы жэщ,
Сынолъэlу сыгъэхъу уи фlэщ,
Си пшыналъэ дахэр бдогумlэщl.
Къызэджэжыт, си блэкlа,
Си гум дыркъуэ тезыдза,
Нэ дахитlу ди тхьэм къызита.

Ежьу

Сигу къихьэжмэ ди зы жэщ
Адэ уафэм вагъуэу хэсщ,
Си фэеплъщи ар умыгъэзэш.
Къигъэзэнкъым фlы блэкlам,
Насып унэу къутэжам,
Пщlыхь ухэту зэ уlущlэжам.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 3
Видео
    Нет видео
    -