Пшынэ макъхэри
Псэм хуэусэу жыжьэу зэподжэж
Лъагъуныгъэм и пшынэбзэ дахэри
Гъатхэ жэщ мазэгъуэм ныхохьэж
Къос гъатхэпэри
Къоушыж гу хэлъ упщlыlужар
Жэщ вагъуэбэм хэкlуэдэж си вагъуэурэ
Лъагъуныгъэр фэеплъ схуэзыщlар
Ежьу:
Пшынэбзэ lэфlу си гум щызгъэфlа
Гъатхэпэ мазэр зи фэеплъ схуэхъуа
Лъагъуныгъэ пшынэм и щыуагъэу
Пшынэ lэпэу сызыщыгъупща.
Гъатхэ мазэхэм
Я пшынэбзэ щабэм сыдоудж
Си гухэлъхэм я пшынэбзэ гуапэри
Япэ удз гъагъахэм къыдоудж
Сфlощl гъатхэпэри
Си блэкlа щlалэгъуэу псэм хыхьэж
Ди щlалэгъуэм здэтхьыжа щыуагъэхэр
Мы ди насып губгъуэм щыгъагъэж.
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2