Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим - гухэлъыбжэр пхузэ1узмыхами | Текст песни

Гухэлъыбжэр пхузэ1узмыхами
Сыту ф1ыщэу дахэр услъэгъуат
Лъагъуныгъэ губгъуэм уизмышами
Си гухэлъхэм дахэр ухахат!

Нэкъуэлэн дахит1к1э укъызэплъу
Зы зэманк1э дахэ щытыгъат,
Нэ плъызак1э си пшыналъэр хэплъэу
Щыгъуэ фащэр гущ1эм щыпт1эгъат!

Уафэ джабэм мазэр щиджэгухьк1э
Ди зы жэщ уэ уигу сыкъэгъэк1ыж
Лъагъуныгъэм щ1ылъэр къыщик1ухьк1э,
Нахущ вагъуэплъ дахэу къыкъуэк1ыж!

Щхьэцыгъуэшхуэр т1ууэ едзыхауэ,
Пщащэ слъагъумэ ар уэра къысф1ощ!
Нэ дахит1ыр къаплъэм сыщыуауэ
Зэрыслъагъуу дахэр Си гур Хощ1

Гъэ блэк1ахэм мазэхэр зэблидзу,
Лъагъуныгъэр ди куабжэпэм блок1,
Уэ дахащэр си гум укъридзэм
Ди ДЗЭЛЫКЪУЭ губгъуэр си гум къок1!

Псынэпс къабзэм къыхэжа зы тк1уэпсу,
Мазэ нурым ноби уполыд,
Уи гу сыкъэк1ым сы гуф1эгъуэ нэпсу,
Уи гукъуэпсхэм си ц1эр щегъэубыд!


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2
Видео
Нет видео
-