Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Къущхьэ Тыгъуэн - Умидрэ Динэрэ я уэрэд | Текст песни и Перевод на русский

Pesni.guru - сайт для Гуру

lумидрэ Динэрэ я уэрэд
Автор песни Доган Кушха

Девушка:
Хьэмосей гъуэгум шыгухэр щызэрызошэри,
lумид сэ сишэнути уасэр имыгъуэт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?

Припев:
Уэ, макlуэ, макlуэ,
Махуэхэр макlуэ,
Уэ, макlуэ, макlуэ,
Ди гъащlэр макlуэ.

Парень:
Си бжэн къуий цlыкlур зэрыгъэшыфlэти,
«Щlалэфlкъым» жаlэри Динэ сыхуауб.
И щхьэцыр щlакlуэмэ,
И кlуэкlэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!

Припев.

Девушка:
Цеищхъуэжь цlыкlур зэрыкlэлъэфщи, жи
Уэ зиплъэфыхьурэ ди гъащlэр макlуэ,
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?

Припев.

Парень:
Динэ и дэхагъэм сыдимыхьэхщи,
Сэ сыдэзыхьэхыр и щlыкlэ дахэщ,
И щхьэцыр щlакlуэмэ,
И кlуэкlэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!

Припев.

Девушка:
Джэмыдэжьитlым пкlэ къуацэ ямыlэ,
«Витl яlэкъым» жаlэри lумид сырамыт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?

Припев.

Парень:
Си ныбжьэгъу щlалэхэр сэ къызэмгугъу жи,
Сиадэ къызэгугъутэмэ сэ къэсшэфынут.
И щхьэцыр щlакlуэмэ,
И кlуэкlэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!

Припев.

Девушка:
Мыхъур lэлъынхэр къуагъкlэрэ къызотыр.
Си уасэр къэпттэмэ, сыхьэзырыххэт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?

Припев.

Парень:
Чэсей хужь джанэр зэрыlэгъуэпагуэщи,
Пщащэ хужь пагуэм сыногуэкlуакъэ!
И щхьэцыр щlакlуэмэ,
И кlуэкlэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!

Припев.

Девушка:
Чэсей хужь джанэр зэрыщlэращlэти,
Щlалэ щlэращlэм сыногуэкlуакъэ!
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?

Припев.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-